anzorq/w2v-bert-2.0-kbd-v2
Automatic Speech Recognition
•
Updated
•
14
audio
audioduration (s) 0.36
90.3
| text
stringlengths 5
848
|
---|---|
Къэрмокъуэ Мухьэмэд |
|
Щихухэр иджыри мэкӀ |
|
Къуажэр зэрыщыту зэхуэсащ жыпӀэнт. |
|
ЦӀыху лӀат. |
|
ЛӀар, хъыджэбзт. |
|
Зи хъыджэбз щӀыфэм цӀыхухъуӀэ еӀусэн дэнэ къэна, цӀыхухъунэ темыплъауэ хъыджэбзт. |
|
И ныбжькӀэ ишэгъуэ блэкӀат, ауэ къыдэнэжатэкъым, атӀэ... |
|
УмыпӀащӀэу къедаӀуи псори къэпщӀэнщ. |
|
КъэпщӀэнщ нобэрей гъатхэ махуэ дахэр дунейм ехыжа хъыджэбзым щӀытепыхьэри, махуэ къэс жыхуаӀэм хуэдэу Акун жылэшхуэм къыдэпхъуэ псэхэхым и Ӏэужь псом я лейуэ мыр къыщӀалъытари. |
|
КъэпщӀэнщ дэтхэнэм и щхьэусыгъуэри, мыдэ дунейм ехыжам и Ӏуэхум зэ яужь ит. |
|
Хьэдэр кхъэм яхь. |
|
Къуажэ уэрамышхуэр цӀыхум иуфэбгъуащ. |
|
Тенджыз уфафэм и толъкъун бзыгъэхэр зыупщӀатэ кхъуафэжьейуэ, дарий щхъуантӀэ зытепхъуа кхъаблэр, мащӀэу щэнауэу, а псом ящхьэщытщ. |
|
Щиху сатырри нэщхъейуэ иужьрей дыдэу къыхуоплъыхыж пщӀантӀэм дах хъыджэбз хьэдэм. |
|
Щиху тхьэмпэ цӀыкӀухэм загъэсысу, абы сэлам ирахыж, щхьэкӀэ псыгъуэ лантӀэхэм загъэшауэ щхьэщэ хуащӀыж. |
|
Уэрамыбгъум къытеува цӀыху Ӏувым я нэр тодие кхъэм яхьым. |
|
— Е тхьэмыщкӀэ цӀыкӀу мыгъуэ, сыту леишхуэ къыплъысат, сыту куэди уи фэ дэкӀа!.. |
|
— кӀэлъыжаӀэрт цӀыхухэм, зи иужьрей дуней гъуэгуанэм теувэжа хъыджэбзым. |
|
Кхъаблэм телъ хъыджэбз хьэдэри цӀыхухэм къахэплъэжурэ шхыдэ къыпфӀэщӀырт: |
|
— ЦӀыхухэ, сытыт сэ фэсщӀар, сытыт си зэрану фэкӀар?! Дэнэ фхьа си лъагъуныгъэр?! |
|
Щхьэ игъуэ нэмысу сывгъэлӀа?! |
|
Сэри сыхуейти фэ фхуэдэу мы дуней дахэшхуэм сыщыпсэуну, бзу цӀыкӀухэм я усэ макъым, къурш псынэхэм я Ӏущащэм, ди Бахъсэн уэрым и пыху макъым сыщӀэдэӀуну, си щиху цӀыкӀухэр зэрыдэкӀейр слъагъуну. |
|
— Щыпсэум хъыджэбзым жиӀэу щыта а псалъэхэр иджы къэзыцӀыху псоми я тхьэкӀумэм ит хуэдэт. |
|
ЛӀы Ӏэпщэхэм зэӀэпахыу яхь кхъаблэр щыуфафэкӀэ, и щӀыбкӀэ къеӀэж къыпфӀощӀ «имычэзууэ щхьэ сытефхыжрэ мы дуней дахэшхуэм?» жиӀэу губжьауэ. |
|
Ауэ яхь. |
|
А хабзэм пэувыф къару щыӀэкъым — яхь хъыджэбзыр, яхьам къыздамыгъэзэжым... |
|
ЛӀыжьхэр сатыру еувэкӀауэ хьэдэм жэназы тращӀэ. |
|
Нэхъ щӀалэгъуалэхэр абыхэм я щӀыбкӀэ гуп-гупурэ щызэхэтщ. |
|
ЦӀыху зыбжани хьэзыр ящӀа мащэм щхьэщытщ. |
|
А псом я гупэкӀэ къит щӀалэ закъуэм, хэӀущӀыӀущи зимыщӀу, тхылъымпӀэ Ӏув напэшхуэм зыгуэрхэр епӀэщӀэкӀыу щретхъэ. |
|
ТхылъымпӀэ хужьым тӀэкӀу-тӀэкӀуурэ къытохутэ сатыру еувэкӀа лӀыжь нэщхъейхэри, я гупэ къилъ кхъаблэри, адэкӀэ зэхэт гупхэри, кхъэ щӀыбым нэхъ пыӀухауэ къыдэт Ӏуащхьэм къытет щӀалэ закъуэри, абы зи ӀумпӀэр иӀыгъ шы пцӀэгъуэплъ уэдыжьри... |
|
— Укъыхукъуоплъыжри, иджыри уигу зэгъакъэ, хьэдэр зи унэ ихуэн! — жаӀэ ягукӀэ мащэм щхьэщытхэм, Ӏуащхьэм тетым дежкӀэ плъэурэ. |
|
— Тефху мо хьэр мобдеж, къытхэвмыгъаплъэ!—жызыӀэпаи къахэкӀащ. |
|
Сыту хъуми, и гугъу ямыщӀу къагъэнэжащи, тетщ щӀалэр Ӏуащхьэм, тепхъуэ хужьыр зытелыдыкӀыу удз щхъуантӀэм хэлъ хъыджэбз хьэдэм и нэр тедияуэ. |
|
Дыгъуасэ ар дыхьат лӀам я пщӀантӀэ, ауэ къыдахужащ. |
|
Иджы МэчрэӀил и закъуэу Ӏуащхьэм тетщ и гукъэкӀыж гупсысэхэм я гъэру, жьы хъуа и шы пцӀэгъуэплъыжьри епэзэзэхыу ӀумпӀэкӀэ иӀыгъыу... |
|
...Куэд щӀащ абы лъандэрэ. |
|
Бахъсэныпс Ӏэджи ежэхащ. |
|
Ауэ итӀани, псори, моуэ иджыпсту хуэдэу, МэчрэӀил и нэгу къыщӀохьэж. |
|
Гъатхэ махуэ щӀэращӀэт ар. |
|
Зи унафэщӀ гъэш фермэр Къущхьэхъу зэрыдэкӀрэ нобэт МэчрэӀил къуажэм къыщигъэзэжар. |
|
И шы пцӀэгъуэплъ дахэ игъафӀэм тхъурымбэ къищӀауэ ар я пщӀантӀэм къыдыхьэжри, уанэр трихынуи хунэмысауэ и шыпхъу нэхъыжьым ипхъу цӀыкӀур гъуэгыу къэсащ. |
|
— Дунэхъужащ, ди Алик псым итхьэлауэ къыхахыжащ... |
|
МэчрэӀил псынщӀэу шым зридзри щӀэпхъуащ. |
|
Ар мажэ къуажэ гъуэгу сабэр и ужьым Ӏэрамэу къинэу, куэбжэхэм къыдэж хьэхэр къыжьэхэлъэу, уэрамым къытегъэщӀа жыг щхьэ баринэхэм мамыру уэрэд щыжызыӀэ бзу цӀыкӀухэр хигъэлъэту... |
|
Бахъсэн Ӏуфэ Ӏут унэм и пщӀантӀэм цӀыхур дэзщи зэщӀогъуагэ. |
|
Фызыжь гуэри мэшхыдэ «сабий хьэдэр хъыджэбзыжь цӀыкӀум зревмыгъэлъафэ» жеӀэри. |
|
МэчрэӀил цӀыху Ӏувыр кӀуэцӀритхъури псым къыхахыжа сабийм бгъэдыхьащ. |
|
Ар къипхъуэтэну щыхуежьэкӀэ «уэри зэран умыхъут», — жеӀэри хъыджэбз нэ фӀыцӀитӀыр ткӀийуэ къыжьэхоплъэ. |
|
Хъыджэбзым сабийр зэрегъэдзэкӀ, и Ӏэхэр зэрегъакӀуэ, и бгъэр ешытӀэ. |
|
Сабийм и псэ хэмыкӀам абы игури къыдоуэж, и Ӏупэхэр къопӀэжьэжьэж, хуэмурэ и нэр къызэтрех... |
|
— Мыбы иджыри пӀалъэ къыхэмыкӀыу дохутыр егъэплъын хуейщ, — жиӀэу Алмэжан пщӀантӀэм къыдокӀыжри ауэ мыжыжьэу щыпсэу и шыпхъу нэхъыжь хьэщӀэу зыхуэкӀуэм я унэмкӀэ еунэтӀ, и щыгъын псыфыр зыкӀэрыпщӀа и Ӏэпкълъэпкъ лантӀэ дахэми, абы къеукъуэдиеха и щхьэц Ӏув кӀыхьми МэчрэӀил и нэр зэрытенари имыщӀэу... |
|
А махуэм ежьащ цӀыху гъащӀэр зытекӀуэда лъагъуныгъэр. |
|
МэчрэӀил итхьэкъуат нэ фӀыцӀэ лыдым. |
|
Сабий ныкъуэлӀэм тегужьеикӀауэ ябгэу къыщыхущӀэплъами а нитӀым я бзийр щӀалэм и гум зэпхидзат. |
|
МэчрэӀил и гур тепыӀэжыртэкъым, я унэ щӀэхуэжыртэкъым. |
|
Къущхьэхъум зэрыкӀуэжын хуейр ищӀэж пэтми, и лъэр хущӀэкӀыртэкъым. |
|
Зэпымыууэ зэгупсысыр Алмэжант. |
|
«Укъыдэнэжащ» къыжраӀэ пэтми, зыгуэр къишэну яхутемыч щӀалэм зылъыхъуар къигъуэтам хуэдэт. |
|
Илъэс пщыкӀуий ирикъуатэкъым иджыри Алмэжан. |
|
Курыт школыр фӀы дыдэу къиуха къудейт, университетым щӀэтӀысхьэн и мурадт. |
|
Зыхуеджэну къыхиха дохутыр ӀэщӀагъэм и насып хэлъу къилъытэжат, гъуэгу тету ирихьэлӀэу сабийр гузэвэгъуэм къызэрыхихыфам папщӀэ. |
|
КъуажэкӀэм къикӀыу, къуажапщэм щыпсэу и шыпхъу нэхъыжьым деж жэщ зытӀущ щыӀэну Алмэжан а махуэм къызэрыкӀуам щыгъуазэт МэчрэӀил. |
|
Щхьэусыгъуэр хьэзырыххэти, фӀыщӀэ хуищӀыну жиӀэри, зыхуигъэзащ. |
|
Зэпсэлъащ... |
|
Нэхэр зэплъащ... |
|
Гухэр лъагъуэ щэхукӀэ зэрыщӀащ... |
|
Лъагъуныгъэ яӀуэтакъым... |
|
МэчрэӀил хъыджэбзым сэлам ирихыжу и шы дахэм щышэсыжам, Алмэжан абы кӀэлъыплъурэ и гум зэригъэзэхуахэри щӀалэм асыхьэтым ищӀакъым... |
|
Аргуэру зэхуэзащ. |
|
Алмэжан и шыпхъум я жыг хадэшхуэм итт а тӀур. |
|
ГушыӀэрт. |
|
Нэхэр зэплъырт, гухэр зэрыщӀэрт. |
|
— ЕджакӀуэ умыкӀуэ, — жиӀэрт МэчрэӀил. |
|
Алмэжан ар къыгурымыӀуэу «седжэнущ» жиӀэрти и щхьэр игъэкӀэрахъуэрт. |
|
Школым къыщыдеджауэ езым и ныбжьу махуэ къэс и |
|
нэӀурыт щӀалэжь цӀыкӀухэм я лъагъуныгъэ мышыум теухуа гушыӀэ гуэр зэхиха мыхъум, Алмэжан гухэлъ хуиӀуатэу зыми епсэлъатэкъым. |
|
ИкӀи хъыджэбз пылъыным зигу къиуӀа МэчрэӀил дежкӀэ гугъутэкъым мо хъыджэбз щӀалэ гу пцӀанэм гунэс зыщищӀыфу епсэлъэныр. |
|
Зэ Ӏуплъэгъуэ лъагъуныгъэ жыхуаӀэм хуэдэ хъуат МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ я гурыщӀэри, тӀури къилыпщӀу пщтырт. |
|
Зэрыжылэуи къыдащӀэ хъуат ар. |
|
Я бжьыхьэкӀапэ зэпыту псэу МэчрэӀил и шыпхъумрэ Алмэжан и шыпхъумрэ зэблагъэу забжыжауэ зэхуэгуапэт. |
|
Алмэжани еджакӀуэ мыкӀуэу къэнат, илъэс пщыкӀуий ирикъумэ МэчрэӀил ишэну къытригъэхьэри. |
|
Лъагъуныгъэшхуэ зыщӀа хъыджэбз щӀалэ дахэр, и гурыщӀэ къабзэм дыхэхъуэм хуэдэу, зэуэ и пӀэ иуват и теплъэкӀи и хьэлкӀи. |
|
Лъакъуэ лъагэрэ пкъыфӀэ хъужауэ ар уэрамым къыщыдыхьэкӀэ, къуажэ щӀалэр къыкӀэлъыплъырт, ауэ зыми кърикуртэкъым — псоми ящӀэрт МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ быдагъэ яку зэрыдэлъыр. |
|
А тӀур апхуэдизкӀэ зыхуагъэфащэрт, я лъагъуныгъэр апхуэдизкӀэ къабзэу, лъэщу ябжырти, уеблэмэ, зэрыжылэу абы дэбжьыфӀэ къафӀэщӀырт. |
|
Езыхэри лэжьыгъэфӀкӀэ зи цӀэ къаӀэт къуажэ щӀалэгъуалэм ящыщт. |
|
МэчрэӀил гъэш фермэ къыкӀэрыхуар илъэситӀ иримыкъум къиӀэтыжат. |
|
Алмэжани, еджакӀуэ мыкӀуэу къыщынэм, къуажэ тыкуэнышхуэм гъэсэну щӀэувэри хъарзынэу хэгъуэзарэ и гъэсакӀуэми текӀуэжауэ еуэ иригъэшхыу лажьэрт, и бзэм и ӀэфӀагъымрэ и Ӏэм и псынщӀагъымрэ жьыри щӀэри дихьэхауэ. |
|
Апхуэдэурэ илъэси, илъэситӀи дэкӀащ. |
|
ЦӀыхухэм къызыпхадз хъуащ «Уа мы тӀум я лъагъуныгъэр мафӀэ бзийуэ къэлыду химысхьэж щӀыкӀэ щхьэ зэрымышэрэ...», — жаӀэу. |
|
Пэж дыдэу МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ я Ӏуэхур, къызэрежьам еплъытыжмэ, тӀэкӀу кӀыхьлӀыхьыӀуэ хъуа хуэдэт. |
|
И пӀэм фӀыуэ иуджыхьа, тежыпӀыхь хъунум хуэдиз зытражыӀыхьа лъагъуныгъэр моуэ щӀэундэрэбжьа къыпфӀэщӀынут. |
|
Ауэ Алмэжан ар зыкӀи зэхищӀэртэкъым. |
|
КъыщыхуэкӀуа махуэм щегъэжьауэ нэхъри пщтыр хъуурэ зэщӀэплъэрт абы МэчрэӀил хуищӀа гурылъ къабзэр. |
|
Пэжу, ар и закъуэ щыхъукӀэ, зэзэмызэ и щхьэм къищхьэрыуэрти егупсысырт: «СылӀэм и гъунэщ жиӀэри еджакӀуэ сигъэкӀуакъым, атӀэ иджы... |
|
ЗыкъызимыгъащӀэ щхьэкӀэ, игу зыгуэркӀэ збгъэдэкӀыжауэ пӀэрэ?.. |
|
Сыт гурымыхьу къыздилъэгъуа? |
|
Ба къысхуищӀыну къыщызикуам, «унапэншэщ» жесӀэу сыкъызэрыщӀэпхъуэжар хуемыгъэхыу иджыри къэс игу илъу пӀэрэ? |
|
АтӀэ зыхуезгъэщӀам нэхъыфӀт? |
|
Папэ и шыпхъум ипхъу Людэ зы махуэ къалэм къикӀыу щыдихьэщӀам имыбзыщӀыххэу жиӀати я ебгъуанэ классым ба зыхуамыщӀа хъыджэбз цӀыкӀу щӀэмысыжу. |
This dataset consists of paired audio and text data sourced from the following book:
Audio-text pairs for this dataset were extracted and aligned using META AI's forced alignment algorithm.